×

الإحسان (شركسي)

إعداد: Мухьэммэд бин Ибрахим Ат-Тууейджири

الوصف

مقالة مترجمة إلى اللغة الشركسية؛ تبين : • معنى الإحسان • مراتب دين الإسلام • مراتب الإحسان • كمال العبودية، والمقالة مقتبسة من كتاب مختصر الفقه الإسلامي، للشيخ محمد التويجري - أثابه الله -.

تنزيل الكتاب

    Ихьсаныр

    [ شركسي – Circassian Адыгэбзэ]

    Мухьэммэд аль-Тууейджри

    Ибрахим и къуэ

    —™

    Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Аматуллах Шэркэси

    Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Абу Мухьэммэд Шэркэси

    الإحسان

    محمد بن إبراهيم التويجري

    —™

    ترجمة وتدقيق لغوي:

    أمة الله الشركسي

    مراجعة شرعية:

    أبو محمد الشركسي

    Ихьсаныр

    - Ихьсан: ар Алыхьым ухуэпщыл1ыныращ плъагъум хуэдэу, ик1и Ар умылъагъуми, Езым укъелъагъур.

    1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьыр ягъусэщ тхьэшынагъуэ зыхэлъхэмрэ мухьсинхэмрэ[1]». (Ан-Нэхьл: 128).

    2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Ик1и щыгугъ Лъэщым, Гущ1эгъущ1ым. Абы укъелъагъу нэмэзым ущытеувэк1и, нэмэз зыщ1хэм уащыхэтк1и. Езыращ псори зэхэзыхыр, зыщ1эр». (Аш-Шугьэра1: 217-220).

    3 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ ит1ани: «Сыт хуэдэ 1уэху упылъми, Къур1эным щыщ сыт уеджэми, сыт хуэдэ 1уэху влэжьми – Дэ сытым щыгъуи щыхьэту дыви1эщ. Уафэми щ1ылъэми щыщу уи Тхьэм щыгъэпщк1уа хъунукъым зы мискъали[2], абым нэхърэ нэхъ мащ1и, абым нэхърэ нэхъ ини – ар Тхылъ Убзыхуам итщ». (Юнус: 61).

    - Ислам диным и увып1эхэр:

    Ислам диныр увып1ищу гуэшащ, зыр адрейм нэхърэ нэхъ лъагэщ: ислам, иман, ихьсан – ар псом нэхърэ нэхъ лъагэщ. Увып1э къэс езым и пкъыгъуэхэр и1эщ.

    – Умэр, Алыхьыр аразы къыхуэхъу, ит1ани къи1уэтэжащ: «Алыхым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, махуэ гуэрым дык1эрысу дыщысу зы л1ы гуэрэ къыкъуэк1ащ и щыгъыныр хужьыбзэу, и щхьэцыр ф1ыц1абзэу, гъуэгу тетауэ нэщэнэхэр домылъагъуу, ик1и дэ тщыщу зыми имыц1ыхуу, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и дежым къэсри ет1ысэхащ и лъэгуажэхэр абым и лъэгуажэхэм тригъащ1эри, и 1эхэр и куэхэм трилъхьащ. Ит1анэ жи1ащ: «Уэ Мухьэммэд, сэгъащ1э исламыр зыщыщыр». Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, жи1ащ: «Исламыр «Ля иляха илля Аллах, Мухьэммэд рэсулю Аллах» щыхьэтыр къэпхьынращ, нэмэз пщ1ынращ, зэкат птынращ, нэщ1ыр Рэмэдан мазэм п1ыгъынращ, хьэж Унэм[3] идеж пщ1ынращ лъэк1ыныгъэ уи1эмэ». Жи1ащ (л1ым): «Пэжщ». Ик1и дгъэщ1эгъуащ езыр щ1эупщ1эу зэрыпэжыр къызэрыжи1эм. Жи1ащ: «Сэгъащ1э иманыр зыщыщыр». Жи1ащ (бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным): «Алыхьыр уи ф1эщ пщ1ыныр, и мэлэ1ычхэр, и тхылъхэр, и л1ык1уэхэр, ахърэт махуэр, къэдырым и ф1ыри 1ейри уи ф1эщ пщ1ыныр». Жи1ащ: «Пэжщ». Жи1ащ: «Сэгъащ1э ихьсаныр зыщыщыр». Жи1ащ: «Алыхьым ухуэпщыл1ыныр плъагъум хуэдэу, уэ умылъагъуми, Абым укъелъагъур». Жи1ащ: «Сэгъащ1э Сыхьэтыр[4] зыщыщыр». Жи1ащ: «Зэупщ1ам нэхъ хищ1ык1къым абым щ1эупщ1ам нъэхърэ». Жи1ащ: «Ат1э абы и нэщэнэхэр сэгъащ1э». Жи1ащ: «Пщыл1 фызым и унафэ зыщ1 унэгуащэр къилъхужынущ, мэлыхъуэ лъапц1эу, пц1анэу, факъырэхэм унэ зэтетхэр ящ1ыу плъагъунущ». Ит1анэ ежьэжащ, уахътэ гуэрэк1э дыщысри жи1ащ (бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным): «Уэ Умэр, пщ1эрэ а щ1эупщ1этэр?» Жыс1ащ: «Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ нэхъыф1у ящ1э». Жи1ащ: «Ар Джибрилщ, фи диныр фигъэщ1эну къэк1уащ». Муслим къи1уэтэжащ[5].

    -Ихьсаным узыхуишэр:

    Алыхьым уафэхэмрэ щ1ымрэ къыщ1игъэщ1ам хэлъ 1ущыгъэр, нэгъуэщ1у къигъэщ1ауэ хъуар къыщ1игъэщ1ар, псэуныгъэмрэ л1эныгъэмрэ къыщ1игъэщ1ар: ар 1уэхуф1хэмк1э гъэунэхуныращ.

    1уэхухэр ф1ы пщ1ыным ухуэзышэ гъуэгур уафэхэмрэ щ1ымрэ къэзыгъэхъуар пщ1эныращ, Алыхьым 1уэху пщ1эуэ хъуар зэрилъагъур зыхэпщ1эныращ, Алыхьым сытри и щ1эныгъэм зэрыхиубыдэр пщ1эныращ, Ар псоми и щыхьэту зэрыщытыр пщ1эныращ. Сабэм и 1ыхьэ нэхъ ц1ык1у дыдэри Абы и нэ1эм щ1эк1къым.

    Аращ нэхъ уаз лъэщу Къур1эным итыр муслъымэныр къыхуриджэу 1уэхуф1 ищ1эну и Тхьэм щхьэк1э. 1уэхуф1ыр егъэзащ1эр ф1ылъагъуныгъэрэ гъэлъап1эныгъэрэ хэлъу Ар илъагъум хуэдэу. Ик1и Ар имылъагъуми, Алыхьым къелъагъур езыр.

    Аращи, пщыл1ым и 1уэхухэр Алыхьым щхьэк1э нэхъыф1 ищ1ын хуейщ, апхуэдэу ехъул1энущ Абы и арэзыныгъэк1э, и хьэзабыми къелынущ. Ф1ы зыщ1эм и щхьэращ зыхуищ1эр, мыхъун зыщ1эми езым зэран зырехыжыр.

    1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Езыращ уафэхэри щ1ылъэри махуихым къэзыгъэщ1ар, и Гьэршыр псым тетащ, фигъэунэхун папщ1э хэт и 1уэху нэхъ дахэми». (Худ: 7).

    2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Щ1ым тету хъуар абым гъэщ1эрэщ1эн хуэтщ1ащ ц1ыхухэр я 1уэхуф1хэмк1э дгъэунэхуным папщ1э». (Ал-Кэхф: 7).

    3 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Аращ щ1эныгъэри гъащ1эри къэзыгъэщ1ар, хэт нэхъ 1уэхуф1 илэжьми фигъэунэхун щхьэк1э. Езыращ Лъэщыр, Гуэныхьгъэгъур». (Ал-Мулк: 2).

    - Ихьсаным и увып1эхэр:

    Ихьсаным увып1ит1 и1эщ:

    Япэрей увып1эр: ц1ыхур и Тхьэм хуопщыл1ыр илъагъум хуэдэу: йолъэ1ур, хуозэшыр, хущ1окъур, ф1ыуэ елъагъур. Ар йолъэ1ур ф1ыуэ илъагъум, Алыхь Лъап1эу Лъагэм. Аращ зыхущ1экъур, зыхуэпщыл1ыр илъагъум хуэдэу, аращ увып1ит1ым я нэхъ лъагэр: «Алыхьым ухуэпщыл1ыныр плъагъум хуэдэу».

    Ет1уанэ увып1эр: Алыхьыр плъагъум хуэдэу ухуэмыпщыл1ыфмэ ик1и ухущ1эмыкъуфмэ, Езым укъилъагъум хуэдэу хуэпщыл1 уф1эл1ык1ыу, и хьэзабымрэ и тезырымрэ ущышынэу, зыхуэбгъэц1ык1уу: «Уэ умылъагъуми, Езым укъелъагъур».

    - Хуэпщыл1ыныр нэгъэсауэ щытыныр:

    Алыхь Лъап1эм ухуэпщыл1ыныр 1уэхугъуит1ым тещ1ыхьащ:

    Алыхьыр нэгъэсауэ ф1ыуэ плъагъуныр, нэгъэсауэ бгъэлъап1эныр, зыхуэбгъэц1ык1уныр. Ар щыпхузэф1эк1ынур Алыхьыр, Абы и ц1эхэр, и щыхьэтхэр, и 1уэхухэр къапщ1эмэ.

    Ф1ылъагъуныгъэм хуезэшынымрэ хущ1экъунымрэ къыхок1ыр, гъэлъэп1энымрэ зыхуэгъэц1ык1унымрэ щышынэнымрэ пэжыжьэ зыщ1ынымрэ къыхок1ыр, аращ ихьсаныр Алыхьым ущыхуэпщыл1к1э, Алыхьым мухьсинхэр ф1ыуэ елъагъу.

    1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Хэт и диныр нэхъыф1 зи гупэр Алыхьым хуэзыгъазэу, мухьсину щыту, Ибрахим хьэнифым[6] и гъуэгум тетам нэхърэ?» (Ан-Ниса1: 125).

    2 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Зи гупэр Алыхьым хуэзыгъазэу мухьсину щытым щ1эгъэкъуап1э быдэ игъуэтащ. 1уэху псори зэк1уэл1эжынур Алыхьыращ». (Люкъмэн: 22).

    3 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Хьэуэ, зи гупэр Алыхьым хуэзыгъэзам, мухьсину щытам и псапэр и Тхьэм идеж щигъуэтыжынущ, абыхэм нэщхъеягъуи шынагъуи къатехуэнукъым». (Ал-Бэкъэрэ: 112).

    - Сату ехъул1ар:

    Къур1эн Лъап1эм сатууэ т1у итщ:

    Му1минхэм я сатур… Бзит1-щхьит1хэм я сатур:

    1 – Му1минхэм я сатур ехъул1ащ, дунейми ахърэтми гуф1эгъуэ ялъагъур. Ар диныращ Алыхь Лъап1эм зэрыжи1ауэ: «Уэ иман зи1эхэ! Фэзгъэлъагъун хьэзаб гуащ1эм фыкъезыгъэлыну сатур? Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ фи ф1эщ хъууэ, Алыхьым и диным фи мылъкумрэ фи псэмк1э фыщ1эбэныныращ! Ар фи дежк1э нэхъыф1щ, фщ1эуэ щытмэ! Абы фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъунщи псыхэр щежэх жэнэтым фыришэнщ, унэ дэгъуэхэм фыщ1эсу, жэнэтым игъащ1эк1э фыщы1эну. Аращ ехъул1эныгъэшхуэр. Нэгъуэщ1у ф1ыуэ флъагъухэри: Алыхьым и дэ1эпыкъуныгъэмрэ тек1уэныгъэ благъэмрэ! Гъэгуф1э му1минхэр!» (Ас-Сэф: 10-13).

    2 – Бзит1-щхьит1хэм я сатур хэк1уэдащ, дунейми ахърэтми насыпыншагъэщ къахуихьыр. Алыхь Лъап1эм жи1ащ абым теухуауэ: «Ахэр Тхьэр зыгъэпэжхэм ща1ущ1эк1э: «Дэри иман къэтхьащ», - жа1э. Ауэ я шейт1анхэм щахыхьэжк1э: «Дэ дызигъусэр фэращ, мобыхэм дащ1энак1э къудейщ», - жа1эж. Абыхэм Алыхьыр ящ1онэк1эж, я гъуащэныгъэми пещэр шэчым къыхэмык1хэу. Абыхэм Тхьэм еда1уэныгъэр ящэри, гъуащэныгъэр къащэхуащ. Я сатум федэ къыпэк1уакъым, гъуэгу захуэм тетахэкъым». (Ал-Бэкъэрэ: 14-16).

    [1] Мухьсиныр ихьсан зыхэлъыращ.

    [2] Мискъалыр хьэлъагъэр къэзыгъэлъагъуэщ, 4,25 грамм мэхъу.

    [3] Кэгьбэм.

    [4] Къемэт махуэр.

    [5] Муслим (8).

    [6] Хьэнифыр гъуэгу захуэм тет, дин пхэнжхэр зымыдэ.

    معلومات المادة باللغة الأصلية