×

Л1ык1уэхэр уи ф1эщ пщ1ыныр (Адыгэбзэ)

Зэтегъэпсыхьын: Мухьэммэд бин Ибрахим Ат-Тууейджири

Description

Л1ык1уэхэмрэ бегъымбархэмрэ Алыхьым къыщ1ыригъэхар, ахэм къарита тхылъхэмрэ шэрихьэтхэмрэ. Л1ык1уэмрэ бегъымбарымрэ зэрызэщхьэщык1ыр. Л1ык1уэхэмрэ бегъымбархэмрэ я бжыгъэр, зэрызэщхьэщык1ыр, къызхуэк1уа лъэпкъхэр. Л1ык1уэхэмрэ бегъымбархэмрэ я нэмысымрэ я хьэлщэнхэмрэ.

Download Book

Нэпэмыщ1у зэдзэк1ахэр 2

    Иманым и пкъыгъуэхэр:

    Л1ык1уэхэр

    уи ф1эщ пщ1ыныр

    [ شركسي – Circassian Адыгэбзэ]

    Мухьэммэд аль-Тууейджри

    Ибрахим и къуэ

    —™

    Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Аматуллах Шэркэси

    Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Абу Мухьэммэд Шэркэси

    أركان الإيمان:

    الإيمان بالرسل

    محمد بن إبراهيم التويجري

    —™

    ترجمة وتدقيق لغوي:

    أمة الله الشركسي

    مراجعة شرعية:

    أبو محمد الشركسي

    Л1ык1уэхэр уи ф1эщ пщ1ыныр

    - Л1ык1уэхэр уи ф1эщ пщ1ыным къик1ыр: ар шэч къытемыхьэу уи ф1эщ пщ1ынращ Алыхьым лъэпкъ псоми л1ык1уэ къазэрыхуигъэк1уар Алыхь закъуэм хуэл1ыщ1эным къыхураджэу, нэгъуэщ1у зыхуэпщыл1хэм пэжыжьэ защ1ыну. Ахэр псори л1ык1уэ пэжхэщ, Алыхьым я пщэм дилъхьар ягъэзэщ1ащ, ахэм яхэтщ Алыхьым зи ц1эхэр дигъэщ1а, яхэтщ Алыхьым зи ц1эр иущэхуахэр.

    - Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ уи ф1эщ пщ1ыным и хьукмыр:

    Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ псори ди ф1эщ тщ1ыныр уаджибщ, ахэм щыщу зыр зи ф1эщ зымыщ1ыр псори и ф1эщ имыщ1ам хуэдэщ. Ахэм я хъыбар пэжу къыднэсахэр зэуэ ди ф1эщ хъун хуейщ. Ахэм я иманым и пэжыгъэр, я тэухьидыр, я хьэлщэн дахэр щапхъэу къэтщтэн хуейщ. Ахэм яужьрей дыдэу ик1и я нэхъыф1 дыдэм къытхуихьа шэрихьэтым дытетын хуейщ. Ар ц1ыху псоми, дуней псоми къыхуагъэк1уащ. Ар Мухьэммэд, гьэлейхи сэлям.

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Бегъымбарымрэ му1минхэмрэ я Тхьэм къыригъэхахэр я ф1эщ мэхъу. Псоми Алыхьыр, и мэлэ1ычхэр, и тхылъхэр, и л1ык1уэхэр я ф1эщ мэхъу, л1ык1уэхэр зэхэддзкъым. «Зэхэтхащи дыхуэжы1эщ1эщ», - жа1эр. - Ди Тхьэ, къытхуэгъэгъу, уи деж къыздэдгъэзэжыр». (Аль-Бэкъэрэ: 285).

    2 – Алыхьым жи1ащ: «Уэ ф1эщхъуныгъэ зи1эхэ,Алыхьымрэ, и л1ык1уэмрэ, тхылъыу и лык1уэм къыхуригъэхамрэ, тхылъыу ипэк1э къыригъэхамрэ фи ф1эщ фыщ1. Алыхьымрэ, и мэлэ1ичхэмрэ, и тхылъхэмрэ, и л1ык1уэхэмрэ, къемэт махуэмрэ зи ф1эщ мыхъур щыуащ щыуэныгъэ жыжьэ дыдэк1э». (Ан-Ниса1: 136).

    3 – Алыхьым жи1ащ: «Жыф1э: «Алыхьыр ди ф1эщ хъуащ, дэ къытхуехари, Ибрахим, Исмагьил, Исхьакъ, Егькъуб, абым и бынхэм къахуехари, Мусэрэ Гьисэ къыратари, бегъымбархэм я тхьэм къаритари, ахэр зэхэдз тщ1ыкъым, Абым дыхуэжы1эщ1эщ». (Аль-Бэкъэрэ: 136).

    - Бегъымбархэмрэ абыхэм як1элъык1уахэмрэ я нэмысыр:

    Алыхьым бегъымбархэмрэ абыхэм як1элъык1уахэмрэ яхелъхьэ япэрауэ езыхэм я псэхэр иманым хуашэну егугъуу я гьибадэмк1э, я гукъэбзагъэмк1э, я гурыщ1эмк1э, я гупсысэмк1э, я бэшэчыныгъэмк1э. Ахэм я1эр зэуэ хьэзырщ диным и ц1эк1э ятыну. Алыхьым и псалъэр я1этыным папщ1э, иманыр я гъащ1эм и 1ыхьэ хъуным папщ1э я лъэк1ыр ятынущ. Алыхьым псори къызэригъэхъуа ф1эщхъуныгъэр ягухэм илъщ. Алыхьым зэуэ и 1эмыщ1э зэрилъыр, абым и закъуэу ухуэпщыл1ыну зэрыхуэфащэр быдэу я ф1эщ мэхъу. Ит1анэ йогугъхэр я иманыр зэрахъумэным 1уэхуф1хэр ящ1эурэ.

    Иужьк1э йогугъухэр диным епха 1уэхугъуэхэр зэрагъэзэщ1эным, езыхэми я иманым щхьэк1э зыхуэныкъуэхэр зэрагъэзэщ1эным. Ахэм ящ1эр Алыхьыр дэнэ мык1уэхэми зэращ1ыгъур, къадо1эпыкъу, ерыскъы къарет. Апхуэдэу тек1уэныгъэр Бэдр зауэм къахьащ мысылмэнхэм, фэтхь Мэккэми, Хьунейнми, нэгъуэщ1 зауэхэми аращ. Алыхь закъуэращ ахэр зыщыгугъыр, абым нэгъуэщ1 зыми щыгугъхэкъым. Иужьк1э я лъэпкъхэм, л1ык1уэу зи дежым къагъэк1уахэм иманыр зэрыхахьэнум, зырагъэубгъуным щ1окъухэр. Алыхь закъуэу гъусэ зимы1эм хупщыл1ынхэу, и унафэхэр ирагъащ1эр, я Тхьэм къахуригъэха аятхэм яхуоджэхэр гъуэгу захуэм трагъэувэр дунейми ахърэтми насыпыф1эу щытынхэм папщ1э.

    Алыхьым жи1ащ: «Аращ тхэк1эрэ еджэк1эрэ зымыщ1эхэм л1ык1уэ къахуэзгъэк1уар езыхэм щыщу, и аятхэм яхуеджэу, гукъэбзэныгъэм къыхуриджэу, тхылъымрэ 1ущыгъэ зыхэлъымрэ яригъащ1эу, абым ипэк1э гъуэщэныгъэ иным хэтахэми, нэгъуэщ1хэри, ахэм яужь къэк1уахэри, ар Аль-Гьэзиз, Аль-Хьэким. Ар Алыхьым идеж къик1ауэ ф1ыгъуэшхуэщ, зыхуейм ирет, Алыхьым ф1ыгъуэшхуэ и1эщ». (Аль-Джумгьэ: 2 - 4).

    - Л1ык1уэр: ар Алыхьым и шэрихьэтыр уэхьиуэ къызхуригъэхаращ, зымыщ1эхэм е зыщ1эу пэжым темытхэм нигъэсыну унафэ зыхуищ1аращ.

    - Бегъымбарыр: ар ипэкэ1э къеха шэрихьэтыр Алыхьым уэхьиуэ къызхуригъэхаращ ихъуреягъым щы1эхэм иригъэщ1эным папщ1э, къигъэщ1эрэщ1эжыным папщ1э.

    Л1ык1уэхэр псори бегъымбарщ, ауэ бегъымбару хъуар л1ык1уэкъым.

    Л1ык1уэрэ бегъымбар псалъэхэмрэ зэгъусэу къэк1уамэ я мыхьэнэхэр зэщхьэщок1, ауэ зырызу я гугъ щыпщ1к1э зым адрейм и мыхьэнэр хыхьэфынущ.

    - Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ къызэригъэк1уар:

    Щы1экъым зы лъэпкъи Алыхьым л1ык1уэ яхуимгъэк1уауэ и лъэпкъым щхьэк1э шэрихьэтыр игъусэу, е бегъымбар къахуигъэк1уауэ ипэк1э щы1а шэрихьэтыр къыхуригъэхауэ щ1эрыщ1эу иужьым щы1эхэм яхуихьыжыу.

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Лъэпкъ къэск1э хуэдгъэк1уащ и л1ык1уэр «Алыхьым фыхуэпщыл1хэ, т1агъутым пэжыжьэ зыфщ1»,- жи1эу. Ахэм къахэк1ащ Алыхьым гъуэгу захуэм тригъэувахэр, нэгъуэщ1хэм щыуэныгъэр я нат1э хъуащ. Щ1ым фыщызек1уэ, феплъ пц1ыуэ ар зылъытахэм къащыщ1ар». (Ан-Нэхьл: 36).

    2 – Алыхьым жи1ащ: «Дэ къедгъэхащ Ат-Тэуратыр гъуэгу захуэу ик1и нэхуу, абымк1э бегъымбар унафэм хуэжы1эщ1эхэм журтхэм я хьукмыр ящ1. Диным хуэзгъасэ щ1эныгъэ зыбгъэдэлъхэмрэ щ1эныгъэл1хэмрэ апхуэдэу ящ1т Алыхьым къахуригъэха тхылъым щыщу яхъумам зэриту. Ахэр абым и щыхьэтщ». (Аль-Ма1идэ: 44).

    - Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ я бжыгъэр:

    Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ куэд мэхъухэр.

    1 – Ахэм яхэтщ Алыхьым зи ц1эхэр Къур1эным ири1уахэр, зи хъыбархэр къытхуи1уэтахэр. Ахэр т1ощ1рэ тхурэ мэхъу.

    1) Адам, гьэлейхи сэлям: «Адам игъусэу ипэк1э зэгур1уэныгъэ дгъэуват, ауэ щыгъупщэжащ, Дэ дэтлъэгъуакъым абым гушхуэныгъэ быдэ». (Т1аха: 115).

    2-19) Жи1ащ Алыхьым и бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ ящыщ зыбжанэм тепсэлъыхьыу: «Аращ Ди щыхьэтхэу Ибрахим и лъэпкъым щхьэк1э къыхуэтхьахэр. Дызхуейхэр къыдыдо1этейхэр, Алыхьыр хьэкимщ, гьэлимщ. Еттащ абым Исхьакърэ Егькъубрэ, ахэр гъуэгу захуэм тедгъэуващ. Абым ипэк1э Нухь гъуэгу захуэм тедгъэуващ, абым и бынхэм щыщу Дауд, Сулейман, Аюб, Юсуф, Мусэ, Харун. Апхуэдэу ф1ы зыщ1эм псапэ идотыж. Ит1анэ Зэкэрия, Яхья, Гьисэ, Иляс. Ахэр псори ц1ыхуф1хэм щыщт. Ит1анэ Исмагьил, Аль-Есэгь, Юнус, Лут1. Ахэр дуней псом къыхэтхахэщ. Ит1анэ ахэм я адэхэм, я бынхэм, я къуэшхэм щыщ зыгуэрэхэр. Ахэр къыхэтххэри гъуэгу захуэмк1э тшахэщ. Аращ Алыхьым и гъуэгу захуэр, и пщыл1хэм щыщу зыхуейхэр абымк1э ешэхэр. Ауэ Алыхьым гъусэ хуащ1атэмэ, ящ1ауэ хъуар хэк1уэдэнут. Ахэращ зэттахэр тхылъыр, унафэр, бегъымбарыныгъэр». (Аль-Ангьам: 83 - 89).

    20) Идрис, гьэлейхи сэлям: «Тхылъым Идрис и гугъу щ1ы, ар пэжым тету бегъымбару щытащ». (Мэрям: 56).

    21) Худ, гьэлейхи сэлям: «Гьадхэм л1ык1уэхэр пц1ыуэ ягъэуващ. Я къуэш Худ яжри1ат: «Фышынэкъэ фэ? Сэ фи л1ык1уэ пэжыу сыкъигъэк1уащ». (Аш-Шугьэра1: 123 - 125).

    22) Салихь, гьэлейхи сэлям: «Сэмудым л1ык1уэхэр пц1ыуэ ягъэуващ. Я къуэш Салихь яжри1ат: «Фышынэкъэ фэ? Сэ фи л1ык1уэ пэжыу сыкъигъэк1уащ». (Аш-Шугьэра1: 141 - 143).

    23) Шугьейб, гьэлейхи сэлям: «Айкэ щыщхэм л1ык1уэхэр пц1ыуэ ягъэуващ. Шугьейб яжри1ат: «Фышынэкъэ фэ? Сэ фи л1ык1уэ пэжыу сыкъигъэк1уащ». (Аш-Шугьэра1: 176-178).

    24) Зуль-Кифль, гьэлейхи сэлям: «Исмагьил, Аль-Есэгь, Зуль-Кифль я гугъу щ1ы. Псори нэхъыф1 дыдэхэм щыщ». (Сад: 48).

    25) Мухьэммэд, гьэлейхи сэлям, Алыхьым зэрыжи1ауэ: «Мухьэммэд фи хулъхугъэхэм щыщу зыми и адэкъым, ауэ Алыхьым и л1ык1уэщ ик1и бегъымбархэм яужьрейщ». (Аль-Ахьзаб: 40).

    2 – Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ, гьэлейхим сэлям, яхэтщ зи ц1эхэр дымыщ1эхэр, Алыхьым зи хъыбархэр къытхуим1уэтахэр. Ахэр псори ди ф1эщ мэхъухэр.

    1) Алыхьым жи1ащ: «Уи япэк1и л1ык1уэхэр къэдгъэк1уахэщ, ахэм ящыщ гуэрэхэм я гугъу къыпхуэтщ1ащ, нэгъуэщ1хэм я гугъу къыпхуэтщ1акъым. Л1ык1уэм аят къихьыфынутэкъым Алыхьым и унафэк1э мыхъумэ». (Гъафир: 78).

    2) Абу Умамэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, зэрыжи1эжауэ, Абу Зэр, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, жи1ащ: «Жыс1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, дапщэ бегъымбархэм я бжыгъэр зэрыхъур?» Жи1ащ: «Минищэрэ мин т1ощ1рэ пл1ырэ, ахэм щыщу л1ык1уэхэр щищрэ пщык1утхурэ мэхъу псори». Ахьмэдрэ Ат1-Т1эбэранирэ къызэра1уэтэжамк1э[1].

    - Л1ык1уэхэм щыщу щ1ып1э хэха зыубыдхэр (1улуль-гьэзм):

    Щ1ып1э хэха зы1ыгъ л1ык1уэхэр тху мэхъу. Ахэр Нухь, Ибрахим, Мусэ, Гьисэ, Мухьэммэд , гьэлейхим сэлям. Ахэм Алыхьым я гугъу ищ1ащ мы аятым: «Шэрихьэту диным фхуигъэуващ уэсяту Нухь хуищ1ар, уэ къыпхуедгъэхар, Ибрахим, Мусэ, Гьисэ уэсяту яхуэтщ1ар. Диныр зефхьэ ик1и фызэбгъэдэмык1». (Аш-Шура: 13).

    - Япэре л1ык1уэр:

    Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ я диныр зыщ, ар Ислам динращ. Ауэ я шэрихьэтхэр зэщхьэщок1, япэрейхэм иужьк1э къэк1уэнухэм я хъыбарыр къахь ик1и я ф1эщ мэхъу ахэр, иужьрейхэм япэрейхэр къагъэпэжри я ф1эщ мэхъу ахэр.

    Нухь, гьэлейхи сэлям, л1ык1уэхэм щыщу япэрейуэ Алыхьым щ1ым щы1эхэм щхьэк1э къигъэк1уащ Адам, гьэлейхи сэлям, иужь ширк къежьа иужьк1э л1эщ1ыгъуипщ1 дэк1ауэ. Алыхьым ар яхуигъэк1уащ лъэпкъ кафир хъуахэр Алыхьым къыхуриджэжыну, Алыхь закъуэм хуэл1ыщ1эну унафэ яхуищ1ыну, ширкыр яхуимыдэну.

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Алыхьым уэсят я1ырихащ бегъымбархэм: «Тхылъымрэ 1ущыгъэшхуэмрэ фэстынущ. Ит1анэ л1ык1уэ къыфхуэк1уэмэ фи 1эм 1эщ1элъым и пэжыгъэм и щыхьэту, ар фи ф1эщ фщ1ынущи фыдэ1эпыкъунущ». Жи1ащ: «Фи псалъэ къызэфту си уэсятыр къафщтэрэ?» Жа1ащ: «Дыаразыщ». Жи1ащ: «Ат1э щыхьэт фыхъу, сэри фи гъусэу щыхьэт сыхъунущ». (Алэ Гьимран: 81).

    2 – Алыхьым жи1ащ: «Уэхьи къыпхуедгъэхащ Нухьи, абым иужь къэк1уа бегъымбархэми къазэрыхуедгъэхам хуэдэу». (Ан-Ниса1: 163).

    3 - Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, шэфагьэм теухуа хьэдисым хэту къызэри1уэтэжауэ, Адам, гьэлейхи сэлям, жи1ащ: «Фык1уэ Нухь идеж. Нухь деж к1уэри жра1ащ: «Уэ Нухь, уэращ япэ л1ык1уэр ц1ыхухэм ядеж». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[2].

    - Иужьрей л1ык1уэр:

    Иужьрей л1ык1уэр Мухьэммэдщ, гьэлейхи сэлям. Абым иужьк1э щы1экъым л1ык1уи, бегъымбари къемэт махуэм нэс: «Мухьэммэд фи хулъхугъэхэм щыщу зыми и адэкъым, ауэ Алыхьым и л1ык1уэщ ик1и бегъымбархэм иужьрейщ». (Аль-Ахьзаб: 40).

    - Хэт Алыхьым зыхуигъэк1уар бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ?

    1 – Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ, гьэлейхим сэлям, Алыхьым яхуигъэк1уащ я лъэпкъхэм псом япэ. Жи1ащ Алыхьым: «Лъэпкъ къэс гъуэгу захуэм тезгъэувэн и1эщ». (Ар-Рэгьд: 7).

    2 – Алыхьым къигъэк1уащ Мухьэммэд, гьэлейхи сэлям, ц1ыху дунейм тету хъуам папщ1э, ар бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ я иужьрейщ, я нэхъыф1щ, ар ц1ыхухэм я щхьэтетщ, щытхъум и бэракъыр къемэт махуэм зы1ыгъынуращ, дунейм гущ1эгъушхуэу къыхуигъэк1уащ.

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Удгъэк1уащ ц1ыху псоми я деж ф1ым къыхуезыджэрэ 1ейм щызыхъумэ л1ык1уэу, ауэ ц1ыхум я нэхъыбэм ящ1эркъым». (Сэбэ1: 28).

    2 – Алыхьым жи1ащ: «Дуней псоми гущ1эгъушхуэу ф1эк1а уахуэдгъэк1уакъым». (Аль-Анбия1: 107).

    - Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ къыщ1игъэк1уам и мыхьэнэр:

    1 – Ц1ыхухэр Алыхь закъуэм хуэпщыл1ыным къыхураджэну, абым нэгъуэщ1 зыми хуэмыпщыл1у.

    Алыхьым жи1ащ: «Лъэпкъ къэск1э хуэдгъэк1уащ и л1ык1уэр «Алыхьым фыхуэпщыл1хэ, т1агъутым пэжыжьэ зыфщ1»,- жи1эу». (Ан-Нэхьл: 36).

    2 – Алыхьым хуэзышэ гъуэгур нахуэ ящ1ыну.

    Алыхьым жи1ащ: «Аращ тхэк1эрэ еджэк1эрэ зымыщ1эхэм л1ык1уэ къахуэзгъэк1уар езыхэм щыщу, и аятхэм яхуеджэу, гукъэбзагъэм къыхуриджэу, тхылъымрэ 1ущыгъэ зыхэлъымрэ яригъащ1эу, абым ипэк1э гъуэщэныгъэ иным хэтахэми». (Аль-Джумгьэ: 2).

    3 – Алыхьым и деж къемэт махуэм ягъэзэжа иужьк1э ц1ыхухэм я щытык1э хъунур нахуэ ящ1ыну.

    Алыхьым жи1ащ: «Жы1э: «Уэ ц1ыхухэ, сэ фи дежым 1ейм щызыхъумэ л1ык1уэу сыкъэк1уащ. Ф1эщхъуныгъэ зи1эхэу ф1ы зыщ1эхэм гъэгъуныгъэрэ ерыскъы куэдрэ яхуэфащэщ. Ауэ ди аятхэр хагъэщ1ыну хуейуэ иужь итахэр жэхьэнэмэм ихьэнущ». (Аль-Хьэдж: 49-51).

    4 – Ц1ыхухэм я щыхьэт хъуну.

    Алыхьым жи1ащ: «Ф1ым къыхузыджэу 1ейм щызыхъумэ л1ык1уэхэу, ц1ыхухэм щыхьэт ямы1эным папщ1э л1ык1уэхэм яужь Алыхьым идеж». (Ан-Ниса1: 165).

    5 – Алыхьым къигъэхъуахэм щхьэк1э гущ1эгъушхуэу.

    Алыхьым жи1ащ: «Дуней псоми гущ1эгъушхуэу ф1эк1а уахуэдгъэк1уакъым». (Аль-Анбия1: 107).

    - Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ я щытык1эхэр:

    1 – Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ псори ц1ыхухъухэщ, Алыхьым къыхихахэщ, адрей ц1ыхухэм къахигъэщащ, къащхьэщи1этык1ащ, аятхэмк1э игъэбыдахэщ, л1ык1уэ зэрищ1амк1э и нэф1 ящихуащ, къахуригъэхар ц1ыхухэм нагъэсыну я пщэм дилъхьащ Алыхь закъуэм хуэл1ыщ1эу абым нэгъуэщ1хэр къагъэнэну. Ар зыгъэзащ1эм жэнэт иритыну игъэгугъащ. Езыхэми къатрилъхьар ягъэзэщ1ащ, я пщэм дэлъыр нагъэсащ.

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Уи япэк1э къэдгъэк1уахэр псори ц1ыхухъухэт, уэхьи къахуедгъэхт. Фымыщ1эмэ щ1эныгъэ зи1эхэм фаупщ1». (Ан-Нэхьл: 43).

    2 – Алыхьым жи1ащ: «Алыхьым къыхихащ Адам, Нухь, Ибрахим и унагъуэр, Гьимран и унагъуэри дуней псом». (Алэ Гьимран: 33).

    3 – Алыхьым жи1ащ: «Лъэпкъ къэск1э хуэдгъэк1уащ и л1ык1уэр «Алыхьым фыхуэпщыл1хэ, т1агъутым пэжыжьэ зыфщ1»,- жи1эу». (Ан-Нэхьл: 36).

    2 – Л1ык1уэхэмрэ бегъымбархэмрэ псоми Алыхьым унафэу яхуищ1ащ Алыхь закъуэм къыхураджэну, а зыуэ гъусэ зимы1эм хуэпщыл1ыну. Лъэпкъ къэс ек1у шэрихьэт къахуригъэхащ Алыхьым зэрыжи1ауэ: «Псоми я шэрихьэтрэ я гъуэгурэ яхуэдгъэунэхуащ. Алыхьыр хуеямэ зы лъэпкъ закъуэ фищ1ынут, ауэ къывитахэм щхьэк1э зызэрыфщ1ыр игъэунэхуну фигуэшащ. Ф1ыуэ фщ1эхэмк1э фызэпеуэ, Алыхьым деж псоми фгъэзэжынущ, фызэрызэтек1ахэри къыфхуи1уэтэжынущ». (Аль-Ма1идэ: 48).

    3 – Алыхьым бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ къыщыхихым зэрыхуэл1ыщ1эну къыхихахэмк1э ф1ыщ1эшхуэ яхуищ1ащ, зэрыхуэл1ыщ1эхэм и гугъу ищ1ащ нэхъ щ1ып1э хэхахэм. Мухьэммэд, гьэлейхи сэлям, щхьэк1э, щапхъэм папщ1э, жи1ащ: «Пщ1эр бгъэдэлъщ Аль-Фуркъаныр и пщыл1ым къыхуезгъэхам дуней псом щхьэк1э 1ейм щызыхъумэ хъун папщ1э». (Аль-Фуркъан: 1).

    Гьисэ Мэрям и къуэм, гьэлейхи сэлям, и гугъу ищ1ащ мыпхуэдэу: «Ар Ди ф1ыщ1эр къызхуедгъэха пщыл1щ, Исра1ил и бынхэм щапхъэ яхуэтщ1ащ». (Аз-Зухъруф: 59).

    4 – Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ, гьэлейхим сэлям, псори Алыхьым къигъэхъуа ц1ыхухэщ, машхэхэ йофэхэ, ящогъупщэ, мэжехэ, сымаджэ мэхъухэ, дунейм йохыжхэ, адрей ц1ыхухэм хуэдэу тхьэм и щытык1э пари яхэлъкъым, зыми ф1ыи 1еи иращ1эфынукъым Алыхьым и унафэк1э ф1эк1а, Алыхьым и хъумап1эхэм щыщу зыри я 1эмыщ1э илъкъым, ущэхуам щыщу зыщыгъуазэр Алыхьым яригъэщ1аращ, Алыхьым къигъэк1уахэщ ц1ыхухэр ф1ым къыхуражэу 1ейм щахъумэну.

    Бегъымбар Мухьэммэд, гьэлейхи сэлям, щхьэк1э Алыхьым жи1ащ: «Жы1э: «Си псэм щхьэк1э ф1ыи 1еи си 1эмыщ1эм илъкъым Алыхьым иухам нэгъуэщ1, ущэхуар сщ1этэмэ ф1ыр куэд сщ1ынти 1ейр къызнэсынтэкъым. Сэ 1ейм щысхъумэу ф1ым иман зыхэлъ лъэпкъыр къыхуезджэу аращ». (Аль-Агьраф: 188).

    - Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ нэгъуэщ1 ц1ыхухэм къазэрыщхьэщык1ыр:

    Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ ц1ыхуу хъуам нэхърэ нэхъ гу къабзэхэщ, нэхъ акъыл1ыф1эхэщ, я иманыр нэхъ пэжщ, я хьэлщэныр нэхъ дахэщ, Алыхьым нэхъыф1у хуэпщыл1хэщ, я 1эпкълъэпкъхэр нэхъ зэк1ужщ, я теплъэр нэхъ дахэщ.

    Алыхьым нэгъуэщ1хэм къыхигъэщахэщ ахэр нэгъуэщ1 1уэхугъуэхэмк1и, ахэр:

    Япэрауэ, ахэр Алыхьым къыхихахэщ уэхьи къахуригъэхыну, л1ык1уэ ищ1ыну.

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Алыхьым къыхехыр мэлэ1ычхэми ц1ыхухэми л1ык1уэхэр». (Аль-Хьэдж: 75).

    2 – Алыхьым иджыри жи1ащ: «Жы1э: «Сэ фэ хуэдэу сыц1ыхущ, уэхьи къысхуохыр фи Тхьэр зэрытхьэ закъуэр». (Аль-Кэхф: 110).

    Ет1уанэу, ахэм щыуагъэ лъэпкъ ябгъэдэлъкъым Алыхьым къахуригъэхар ц1ыхухэм щынагъэск1э. Зыгуэрым идеж щыуахэмэ Алыхьым захуагъэмрэ пэжымрэ трегъэувэжхэр.

    Алыхьым жи1ащ: «Вагъуэр къызэрек1урэхымк1э со1уэ, фи ныбжьэгъур щыуакъым ик1и гъуэгу захуэм тек1акъым, зыхуейхэри жи1экъым, ар уэхьи къыхуехращ, къаруушхуэ зи1эм иригъэщ1ащ». (Ан-Нэджм: 1-5).

    Ещанэу, ахэм щ1эин я1экъым дунейм ехыжа иужь.

    Гьа1ишэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Щ1эин къэдгъанэкъым, къэдгъэнар зэуэ сэдэкъэщ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[3].

    Епл1анэу, ахэм я нэхэр щыжеим ягухэр жейкъым.

    Анэс, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, исра1 хъыбарыр къыщи1уэтэжым хэтауэ жи1ащ: «Бегъымбарым и нэхэр мэжей, ауэ и гур жейкъым. Апхуэдэщ бегъымбархэр: я нэхэр мэжей, ауэ ягухэр жейкъым». Бухъари къи1уэтэжащ[4].

    Етхуанэу, дунейм ехыжын ипэк1э мы дунеймрэ ахърэтымрэ хагъадэ.

    Гьа1ишэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, жи1ащ: «Зэхэсхащ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1эу: «Бегъымбархэм щыщ сыт хуэдэри сымаджэ хъуа иужь мы дунеймрэ ахърэтымрэ хагъадэ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[5].

    Еханэу, ахэр дунейм здехыжа щ1ып1эм щ1алъхьэжхэр.

    Абу Бэкр, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, жи1эжащ: «Зэхэсхащ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1эу: «Бегъымбархэр дунейм здехыжа щ1ып1э закъуэращ здыщ1алъхьэр». Ахьмэд къи1уэтэжащ[6].

    Ебланэу, я кхъэхэм псэущ ахэр, нэмэз ящ1ыр.

    1 – Анэс, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Мусэ сыблэк1ащ исра1 жэщым Кэсиб Ахьмэр щып1эм идеж, ар и кхъэм нэмэз ищ1у щытт». Муслим къи1уэтэжащ[7].

    2 – Анэс, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, иджыри къи1уэтэжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Бегъымбархэр я кхъэхэм псэущ, нэмэз ящ1». Абу Ягьлэ къи1уэтэжащ[8].

    Еянэу, ахэм яужь я щхьэгъусэхэр къашэжкъым.

    Алыхьым жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм 1ей ефщ1эну щыткъым и щхьэгъусэхэри къэвмышэ иужьк1э зэи, ар Алыхьым идежк1э щыуагъэшхуэщ». (Аль-Ахьзаб: 53).

    - Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ зэрызэщхьэщык1ыр:

    Бегъымбархэр псори зэхуэдэщ бегъымбару зэрыщытхэмк1э, а закъуэращ ахэр здызэщхьэщымык1ыр. Ауэ зэщхьэщок1ыр бегъымбархэри л1ык1уэхэри хьэлхэм и зэщхьэщык1ыныгъэмк1э, ахэм епха 1уэху хэхахэмк1э, аятхэмк1э.

    Аращи, ахэм л1ык1уэхэр яхэтщ, бегъымбархэр яхэтщ, щ1ып1э хэха зы1ыгъхэр яхэтщ, Алыхьым ныбжьэгъу ищ1а яхэтщ, Алыхьыр зэпсэлъа яхэтщ, къыхи1этык1а яхэтщ, нэгъуэщ1хэри.

    А псоми нэхърэ нэхъыф1 дыдэр ц1хуу хъуам я нэхъыщхьэ Мухьэммэд, гьэлейхи сэлям.

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Ахэр л1ык1уэхэращ, зыгуэрхэр адрейхэм къахэдгъэк1ащ. Яхэтщ Алыхьыр зэпсэлъа, я увып1эхэр зыгуэрхэм къи1этащ. Гьисэ Мэрям и къуэм еттащ псори гур1уэгъуэ зыщ1 тхылъыр ик1и Рухь Аль-Къудусыр дэ1эпыкъуэгъу хуэтщ1ащ». (Аль-Бэкъэрэ: 253).

    2 – Алыхьым иджыри жи1ащ: «Уи Тхьэм нэхъыф1у ещ1эр уафэхэми щ1ыми щы1эхэр, бегъымбар гуэрхэр адрейхэм къыхэдгъэщащ, Дауди Аз-Зэбур еттащ». (Аль-Исра1: 55).

    3 – Алыхьым жи1ащ: «Алыхьым Ибрахим ныбжьэгъуу къыхихащ». (Ан-Ниса1: 125).

    2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, жи1ащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям жи1ауэ: «Адрей бегъымбархэм 1уэхугъуихк1э сакъыхигъэщащ: псалъэм и шэрыуагъыр къыс1эщ1илъхьащ, шынагъуэр дэ1эпыкъуэгъу къысхуищ1ащ, къэдзэуа мылъкур хьэлэл схуищ1ащ, щ1ыр зэуэ къабзэу нэмэз пщ1ы дэни хъуну схуищ1ащ, ц1ыху псоми я деж скъигъэк1уащ, бегъымбархэр си деж къиухыу ищ1ащ». Муслим къи1уэтэжащ[9].

    5 – Абу Сэгьид, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Бегъымбархэр зэхэдз фымыщ1...» Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[10].

    - Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ уи ф1эщ пщ1ыным къыпхуихьыр:

    Алыхьым и гущ1эгъуныгъэшхуэр, и пщыл1хэм зэрахуэсакъыр къегъэлъагъуэр бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ къызэригъэк1уам Алыхь закъуэм хуэпщыл1ыным къыхураджэу, ар зэрагъэзэщ1энур ирагъыщ1эу, псапэрэ тезыр къатехуэнухэмрэ нахуэ ящ1у.

    Абым щыщ: Алыхьым шыкур хуэпщ1ыныр а ф1ыгъуэшхуэу къыдитам папщ1э.

    Абым щыщ: бегъымбархэр ф1ыуэ плъэгъуныр, уакъыщытхъуныр, егъэлеиныгъэ хэмылъу, ахэр Алыхьым зэрил1ык1уэхэм папщ1э, зэрыхуэпщыл1хэм папщ1э, и унафэр къызэрытхуахьым папщ1э, ц1ыхухэм зэреущием папщ1э, гущ1эгъуныгъэшхуэу дунейм тету хъуам щхьэк1э къызэрыхуагъэк1уам папщ1э.

    Абым щыщ: ахэм я тэухьид Алыхьым къызэригъэк1уам, я иман пэжым, я хьэлщэн дахэм, я нэмысым, зэпымычу Алыхьым шыкур зэрыхуащ1ым, зикр зэращ1ым, зэрыхуэжы1эщ1эм щапхъэ къатепхыныр.

    [1] Хьэдисыр сэхьихьщ / Ахьмэд (22644), Ат1-Т1эбэрани «Аль-Мугьджэм Аль-Кэбир» (8/217).

    [2] Бухъари (3340), Муслим (194).

    [3] Бухъари (6730), Муслим (1757).

    [4] Бухъари (3570).

    [5] Бухъари (4586), Муслим (2444).

    [6] Хьэдисыр сэхьихьщ / Ахьмэд (27).

    [7] Муслим (2375).

    [8] Хьэдисыр джеидщ / Абу Ягьля (3425), еплъ «Силсиля Сэхьихьэ» (621).

    [9] Муслим (523).

    [10] Бухъари (2412), Муслим (2374).

    معلومات المادة باللغة العربية