×
جدبد!

تطبيق موسوعة بيان الإسلام

احصل عليه الآن!

الإيمان بالملائكة (شركسي)

إعداد: Мухьэммэд бин Ибрахим Ат-Тууейджири

الوصف

مقالة مترجمة إلى اللغة الشركسية، تبين أن الإيمان بالملائكة ركن من أركان الإيمان لا يصح إلا به، وفيها أيضاً خلقة الملائكة، وعدد الملائكة، وأعمال الملائكة، ووظائف الملائكة.

تنزيل الكتاب

    Иманым и пкъыгъуэхэр:

    Мэлэ1ычхэр

    уи ф1эщ пщ1ыныр

    [ شركسي – Circassian Адыгэбзэ]

    Мухьэммэд аль-Тууейджри

    Ибрахим и къуэ

    —™

    Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Аматуллах Шэркэси

    Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Абу Мухьэммэд Шэркэси

    أركان الإيمان:

    الإيمان بالملائكة

    محمد بن إبراهيم التويجري

    —™

    ترجمة وتدقيق لغوي:

    أمة الله الشركسي

    مراجعة شرعية:

    أبو محمد الشركسي

    Мэлэ1ычхэр уи ф1эщ пщ1ыныр

    - Мэлэ1ычхэр уи ф1эщ пщ1ыным къик1ыр: быдэу шэч къытемыхьэу уи ф1эщ пщ1ыныр Алыхьым и мэлэ1ычхэр зэрыщы1эр.

    Ди ф1эщ мэхъур ахэм ящыщу Алыхьым зи ц1эр къытхури1уахэри Джибрил, гьэлейхи сэлям, хуэдэу, зи ц1эхэр дымыщ1эхэри псори. Ахэм я щыхьэтхэри, я 1уэхугъуэхэри ди ф1эщ мэхъур.

    Ахэм щ1ып1эу я1ыгъыр: пщ1эшхуэ зи1э Алыхьым и пщыл1хэщ, Алыхьым хуэпщыл1хэщ, тхьэм и щытык1эхэм щыщу зыри яхэлъкъым, ахэр дуней дымылъагъум щыщхэщ, Алыхьым нэхум къыхищ1ык1ахэщ.

    Гьа1ишэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Мэлэ1ычхэр нэхум къыхэщ1ык1ахэщ, жынхэр маф1эм къыхэщ1ык1ащ, Адам къывжа1ауэ щытам къыхэщ1ык1ащ». Муслим къи1уэтэжащ[1].

    Ахэм я 1уэхухэр: Алыхь Лъап1эу Лъагэм хуэпщыл1хэщ, унафэу къахуищ1хэр ягъэзащ1эр: «Абым идеж щы1эхэр хупщыл1хэщ замыгъэину ик1и еш ямыщ1эу. Махуи жэщи и щытхъур ящ1 емышыжу». (Аль-Анбия1: 19 - 20).

    Алыхьым зэрыхуэжы1эщ1эхэр: Алыхьым ахэр къигъэхъуащ и унафэхэм хуэжы1эщ1эу, къару яритащ и унафэхэр ягъэзэщ1эфыну, ахэр жы1эщ1эу щытыну къэхъуахэщ: «Алыхьым и унафэхэм ф1эк1къым, унафэу къахуищ1ар ягъэзащ1эр». (Ат-Тэхьрим: 6).

    - Мэлэ1ычхэм я бжыгъэр:

    Мэлэ1ычхэр куэд дыдэ мэхъу, Алыхь закъуэращ ахэм я бжыгъэр зыц1ыхур. Ахэм яхэтщ Гьэршыр зыхьхэр, жэнэтым и хъумак1уэхэр, жэхьэнэмэм и хъумак1уэхэр, къэзыхъумэхэр, тхэхэр, нэгъуэщ1хэри. Ахэм ящыщу 70.000 Аль-Бейт Аль-Мэгьмурым нэмэз махуэ къэс щащ1ри къыщ1эк1ыжа иужьк1э зэи ягъэзэжкъым.

    Мигьраджым тепсэлъыхь хъыбарым хэтщ бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, ебланэ уафэм щынэсым жи1ауэ: «Си пащхьэм Аль-Бейт Аль-Мэгьмур къиуващ. Джибрил сеупщ1ащ абым щхьэк1э. Жи1ащ: «Ар Аль-Бейт Аль-Мэгьмур, абым махуэ къэс 70.000 мэлэ1ычу нэмэз щащ1ри, къыщ1эк1ыжа иужьк1э зэи ягъэзэжкъым». Шейхъитым къа1уэтэжащ[2].

    - Мэлэ1ычхэм я ц1эхэмрэ 1уэху ящ1эхэмрэ:

    Мэлэ1ычхэр пщ1эшхуэ зи1э Алыхьым и пщыл1хэщ, Алыхьым хуэпщыл1ынымрэ и унафэхэм еда1уэнымрэ папщ1э къигъэхъуахэщ.

    Ахэм яхэтщ 1уэху хэхахэм щхьэк1э Алыхьым къигъэхъуахэр, яхэтщ зи ц1эхэмрэ зи 1уэхухэмрэ Алыхьым дигъэщ1ахэр.

    Алыхьым мэлэ1ычхэм я лэжьыгъэу игъэувахэм щыщ:

    1 – Джибрил, гьэлейхи сэлям: л1ык1уэхэмрэ бегъымбархэмрэ, гьэлейхим сэлям, уэхьи (Алыхьым и псалъэхэр) къахуихьыныр.

    2 – Мика1ил, гьэлейхи сэлям: уэшхымрэ къэк1ыгъэхэмрэ я 1уэху зэрехуэ.

    3 – Исрафил, гьэлейхи сэлям: бжьэм епщэну и 1энат1эщ.

    Ахэр мэлэ1ыч нэхъ ин дыдэхэм щыщхэращ, псэуныгъэм епха 1уэхугъуэхэр зи пщэ далъхьахэращ.

    Джибрил уэхьи къехь, ар гур зэрыпсэуращ. Мика1ил уэшх къехь, ар щ1ыр зэрыпсэуращ. Исрафиль бжьэм епщэныр и 1эмыщ1эм илъщ, абым л1ахэр къегъэхъуж.

    4 – Малик, гьэлейхи сэлям, жэхьэнэмэм и хъумак1уэ: жэхьэнэмэ маф1эм к1элъыплъыныр и пщэм дэлъщ.

    5 – Ридуан, гьэлейхи сэлям, жэнэтым и хъумак1уэ: жэнэтым к1элъыплъыныр и 1эмыщ1эм илъщ.

    Ахэм ящыщ мэлэ1ыч псэр хэзыхыр ц1ыхур щыл1эк1э.

    Ахэм ящыщ Гьэршыр къезыхьэк1хэр, жэнэтым и хъумак1уэхэр, жэхьэнэмэм и хъумак1уэхэр, къущхьэхэр зи 1эмыщ1э иралъхьахэр, хыхэр зи 1эмыщ1э иралъхьахэр. Ахэм яхэтщ ц1ыхухэр яхъумэну зи пщэ далъхьахэр, ц1ыхухэм я 1уэхухэр зытххэр, ц1ыху къэс игъусэ зэпытхэр.

    Ахэм яхэтщ жэщи махуи ц1ыхум иужь итыну зи пщэ дэлъхэр, Алыхьым и гугъу здащ1 щ1ып1эхэм щы1эхэр.

    Ахэм яхэтщ ныбэм илъ сабийхэм я ерыскъыр, я 1уэхухэр, я гъащ1эр зытххэр, насыпыф1эу е насыпыншэу щытыныр зытххэр Алыхьым и унафэк1э.

    Ахэм ящыщ л1ам и кхъэм упщ1эхэр езытхэр, я тхьэм, я диным, я бегъымбарым щ1эупщ1эхэр.

    Абыхэм нэгъуэщ1 куэд мэхъу мэлэ1ычхэр, Алыхь закъуэращ ахэм я бжыгъэр зыщ1эр.

    - Пщ1э зи1э зытххэм я лэжьыгъэр:

    Алыхьым къигъэхъуащ пщ1э зи1э тхак1уэ мэлэ1ычхэр, ахэм ц1ыхур къахъумэр, жи1ахэр, ищ1ахэр, и гум илъахэр ятх. Ц1ыху къэск1э мэлэ1ычу т1у щ1ыгъущ: ижьымк1э щы1эм ф1ыуэ ц1ыхум ищ1ахэр етх, сэмэгумк1э щы1эм ц1ыхум мыхъуну ищ1ахэр етх. Иджыри нэгъуэщ1 мэлэ1ычит1ым ц1ыхур яхъумэр, зыр ипэмк1э, адрейр ищ1ыбымк1э.

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Хъумак1уэхэр фщ1ыгъухэщ, пщ1э зи1э зытххэр, флэжьхэр псори ящ1эр». (Аль-Инфит1ар: 10 - 12).

    2 – Алыхьым ит1ани жи1ащ: «Ц1ыхур къэдгъэхъуащ ик1и дощ1эр абым и псэм къыри1ущэщхэр. И къурмэкъеим ирик1уэ лъынтхуэм нэхърэ дынэхъпэблагъэщ дэ. Ижьымк1и сэмэгумк1и къыгуэсхэщ (мэлэ1ычхэр) псори ятхыу. Псалъэ зэрыжи1э къудейуэ идежым к1элъыплъак1уэр щы1эщ». (Къаф: 16 - 18).

    3 – Алыхьым жи1ащ: «Зи псалъэр зыущэхури, псоми зэхахыу жызы1эри, жэщым зызгъэпщк1ури, махуэм нахуэу къэзк1ухьри псори фызэхуэдэщ (Алыхьым и пащхьэ). Ипэк1и ищ1ыбк1и абым (ц1ыхум) щ1ыгъущ мэлэ1ычхэр Алыхьым и унафэк1э къахъумэу». (Ар-Рэгьд: 10 - 11).

    4 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, жи1эжащ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Алыхьым же1э: «Си пщыл1ым мыхъун ищ1эну хуеямэ ар имыщ1эу фымытх, ищ1амэ ищ1ам хуэдизу фтхы, къигъэнамэ си ц1эк1э имыщ1эу, псапэу фтхы. Ауэ ф1ы ищ1эну хуеяуэ имыщ1амэ хуэфтх псапэ, ищ1амэ псапэр пщ1ык1э егъэжьауэ щиблым нэсыху хэгъэхъуауэ хуэфтх». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[3].

    - Мэлэ1ычхэм щ1ып1эу я1ыгъыр Алыхьым къигъэхъуахэм ящыщу:

    Мэлэ1ычхэр Алыхьым къигъэхъуахэм ящыщ нэхъ ин дыдэу нэхъ пщ1эшхуэ зи1эхэщ. Ахэр Алыхьым нэхум къыхищ1ык1ащ, я инагъри зэщхьэщок1ыр.

    Джибрил нэхъ ин дыдэщ мэлэ1ычхэм щыщу, абым дамэ щих и1эщ, и дамэм нэм илъагъур зэуэ зэхуещ1, и дамэм и к1апэмк1э къуажитху Лут1 и къуажэхэм щыщу уафэм нэс и1этри дэсыр зэрыдэсу къыридзыхыжащ, а щ1ып1эм хы Л1ар щы1эщ иджыпсту[4].

    Ат1э и дамэм зэрыщыту сыт хуэдэ къару хэлъ абы! И дамэ щихым сыт хуэдэ къару хэлъ т1э абы! И лъакъум сыт и къару абы! И пкъым зэрыщыту сыт хуэдэ къару хэлъ абы! Ар къэзыгъэхъуа Тхьэ Иным сыт хуэдэ къару и1э ат1э!

    Исрафиль бжьэм епщэну и пщэм дэлъщ. Зэ епщэмэ уафэми щ1ыми щы1эхэр зэтемэхэнущ, ет1уанэу епщэмэ псори къэтэджыжынущ къаплъэу.

    Ар зэрепщэ къудейм и къарущ, и пкъым къару хэлъыр дапщэ ат1э! Ар къэзыгъэхъуа Тхьэ Лъагэм и къарур сытым хуэдэ ат1э!

    Мэлэ1ыч Гьэршыр къезыхьэк1хэм щыщ, абым и тхьэк1умэм и к1апэмрэ и дамэмрэ илъэс щибл гъуэгу дэлъщ. Ат1э абы и щхьэмрэ и лъакъуэмрэ дапщэ яку дэлъыр! Ар къэзыгъэхъуа Тхьэ Иным и къарур сытым хуэдэ ат1э!

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Щытхъур Алыхьыращ зейр, щ1ыри уафэри къэзыгъэхъуам, мэлэ1ычхэр л1ык1уэ зыщ1ам дамэу т1у, щы, пл1ы я1эхэу. Къигъэхъуам хуеймэ щ1егъу зыхуейр, Алыхьым зыхуейр зэуэ хузэф1ок1ыр». (Фат1ир: 1).

    2 – Ибн Мэсгьуд, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, жи1эжащ, Мухьэммэд, гьэлейхи сэлям, илъэгъуауэ Джибрил дамэу щих и1эу. Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[5].

    3 – Джабир бин Абдуллах, Алыхьыр аразы т1уми къахуэхъу, къи1уэтэжащ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Хуит сащ1ащ зы мэлэ1ычым и гугъу фхуэсщ1ыну Гьэршыр зыхьхэм щыщу. Абым и тхьэк1умэм и к1апэмрэ и дамэмрэ илъэс щибл гъуэгу дэлъщ». Абу Дауд къи1уэтэжащ[6].

    - Мэлэ1ычхэр уи ф1эщ пщ1ыным къыпхуихьыр:

    1 – Алыхьым и инагъыр, и къарур, и зэф1эк1ыр, и гущ1эгъур къыуегъащ1эр. Мэлэ1ычхэр къигъэхъуащ я бжыгъэр Алыхьым нэгъуэщ1 зыми имыщ1эу. Ахэм ящыщу Гьэршыр зыхьхэр къигъэхъуащ, зым и тхьэк1умэм и к1апэмрэ и дамэмрэ илъэс щибл гъуэгу дэлъу. Ат1э езы Гьэршым и инагъыр сытым хуэдиз? А Гьэршым игущ1ы1ум щы1эм и инагъыр сытым хуэдиз? Щытхъур ейщ унафэр зы1эщ1элъым: «Уафэхэми щ1ылъэми щ1ып1э иныр зейр аращ, ар Аль-Гьэзиз, Аль-Хьэким». (Аль-Джасие: 37).

    2 – Пщ1эмрэ ф1ыщ1эмрэ зейр Алыхьыращ ц1ыхум зэрыхуэсакъым папщ1э, мэлэ1ычхэм щыщ къыхигъэк1ащ ц1ыхухэр зыхъумэ, тек1уэныгъэм хуэзышэ, я лэжьыгъэхэр зытх, Алыхьым ахэм щхьэк1э елъэ1у.

    3 – Мэлэ1ычхэм Алыхьым хуэпщыл1ыныр, абым елъэ1уныр му1минхэм щхьэк1э ф1ыуэ ялъагъу. Алыхьым жи1ащ абым теухуауэ Гьэршыр зыхьхэмрэ къэзыухъуреихьхэмрэ тепсэлъыхьыу: «Гьэршыр зыхьхэмрэ къэзыухъуреихьхэмрэ я Тхьэм ф1ыщ1э хуащ1, я ф1эщ ящ1ыр ар, Алыхьыр зи ф1эщ хъуахэм щхьэк1э щ1олъэ1ухэр: «Ди Тхьэ, уи гущ1эгъумрэ уи щ1эныгъэмрэ дэни нос. Тобэ къэзыхьахэмрэ уи гъуэгу захуэм техьахэмрэ яхуэгъэгъуи жэхьэнэмэм щыхъумэхэ. Ди Тхьэ, жэнэтым игъыхьэхэ, ахэри, я адэжьхэри, я щхьэгъусэхэри, я бынхэри зэрыбгъэгугъауэ, уэращ Аль-Гьэзиз, Аль-Хьэким. Мыхъунхэм щыхъумэхэ, а махуэм мыхъунхэм щыпхъумаращ гущ1эгъу зыхуэпщ1ар, аращ ехъул1эныгъэ нэхъ ин дыдэр». (Гъафир: 7 - 9).

    [1] Муслим (2996).

    [2] Бухъари (3207), Муслим (162).

    [3] Бухъари (7501), Муслим (128).

    [4] Хьэдис сэхьихь хы Л1ам и щ1ып1эм Лут1 и жылэхэр щытауэ щы1экъым.

    [5] Бухъари (4857), Муслим (174).

    [6] Хьэдис сэхьихь, Абу Дауд (4727), Сильсилэ Ас-Сэхьихьэ (151).

    معلومات المادة باللغة الأصلية