الوصف
مقالة مترجمة إلى اللغة الشركسية، تبين الدُور التي يمر بها العبد، وصفة البعث، وأول من يشق عنه القبر، ومن يحشر يوم القيامة، وصفة أرض المحشر، وصفة حشر الخلق يوم القيامة.
ترجمات أخرى 5
Къэгъэхъужынымрэ зэхуэшэсынымрэ
[ شركسي – Circassian – Адыгэбзэ]
Мухьэммэд аль-Тууейджри
Ибрахим и къуэ
Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:
Аматуллах Шэркэси
Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:
Абу Мухьэммэд Шэркэси
البعث والحشر
محمد بن إبراهيم التويجري
ترجمة وتدقيق لغوي:
أمة الله الشركسي
مراجعة شرعية:
أبو محمد الشركسي
Къэгъэхъужынымрэ зэхуэшэсынымрэ
- Ц1ыхур зыпхырык1 дунейхэр:
Дунейхэр щы мэхъу: мы дунейр, бэрзэхъыр, жэнэтым е жэхьэнэмэм уздэщы1эну ахърэтыр. Дунейхэм псоми Алыхьым яхуищ1ащ зытеухуа щытык1эхэр. Ц1ыхури 1эпкълъэпкъымрэ псэмрэ къыхищ1ык1ащ. Мы дунейм и щытык1эхэр 1эпкълъэпкъым епхауэ ищ1ащ, псэри абым к1элъык1уэу игъэпсащ. Бэрзэхъым и щытык1эхэр псэм епхауэ ищ1ащ, 1эпкълъэпкъыри абым к1элъык1уэу ищ1ащ. Къемэт махуэм и щытык1эхэри, и ф1ыгъуэри, и хьэзабыри 1эпкълъэпкъымрэ псэмрэ зэщ1ыгъуу епхауэ ищ1ащ.
- Къэгъэхъужыныр:
Ар л1ахэр къэгъэхъужыныращ бжьамийм ет1уанэу щепщэ уахътэм. Дунейуэ хъуам и Тхьэм идеж ек1уэл1энущ ц1ыхухэр лъапц1эу, пц1анэу, суннэт мыщ1ауэ. Псори щыл1эм зытетам тету къэхъужынухэщ.
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Бжьамийр къызэрепщэу ахэр я кхъэхэм къыщ1эк1ыжынущи я Тхьэм деж яунэт1ынущ. Абыхэм жа1энущ: «Еууей мыгъуэ, хэт ди кхъэхэм дыкъэзыгъэтэджыжар?» Мыращ Ар-Рэхьманым къызэригъэгугъари, л1ык1уэхэм къагъэпэжари». (Ясин: 51-52).
2 - Ит1ани Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ит1анэ, абы иужьк1э, фыл1эжынущ. Ит1анэ Къемэт махуэм фыкъэтэджыжынущ». (Аль-Му1минун: 15-16).
Къэгъэхъужыныр зэрыщытынур:
Алыхьым уафэм къыригъэхынущ псы, ит1анэ ц1ыхухэр къэк1ыгъэхэм хуэдэу къэк1ыжынущ.
1 – Алыхьым жи1ащ: «Аращ гуф1эгъуэр къихьу жьыр къезыгъапщэр и гущ1эгъум ипэ къиту. Пшэр уэндэгъу щыхъук1э, Дэ ар щ1ылъэ гъущ1ам щхьэщыдохуэри, уэшхыу къыдогъэшхри къэк1ыгъэхэр къыдо1эт. Апхуэдэ къабзэу Дэ л1ахэри къэдгъэтэджыжынущ – фызэгупсысыжынк1э мэхъу». (Аль-1эгьраф: 57).
2 - Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ат: «Епщэгъуит1ым яку пл1ыщ1 дэлъщ». Жа1ащ: «Уэ Абу Хурейрэ, махуэу пл1ыщ1?» Жи1ащ: «Сщ1экъым». Жа1ащ: «Мазэу пл1ыщ1?» Жи1ащ: «Сщ1экъым». Жа1ащ: «Илъэсу пл1ыщ1?» Жи1ащ: «Сщ1экъым». «Ит1анэ Алыхьым къыригъэхынущи уафэм псы къэк1ыгъэхэм хуэдэу къэк1ыжынухэщ, ц1ыхум зыри къыхэнэнукъым зэпкъырымылъэлъауэ зы къупщхьэ закъуэ мыхъумэ, ар к1эпкъым и к1апэращ, абым къегъэжьауэ зэпкъырыхьэжынущ ц1ыхур Къемэт махуэм». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[1].
Япэрейуэ кхъэр зыхузэ1ук1ынур:
Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Сэращ 1эдэм и бынхэм я зиусхьэныр Къемэт махуэм, кхъэри япэрейуэ зыхузэ1ук1ынури, япэреуи къыщхьэщыжынури къызыщхьэщыжынури». Муслим къи1уэтэжащ[2].
Къемэт махуэм зэхуашэсынухэр:
1 – Алыхьым жи1ащ: «Яже1э: «Япэрейхэри иужьрейхэри а щ1ып1эм махуэ гъэнэхуам зэхуахусыжынущ». (Аль-Уакъигьэ: 49-50).
2 – Ит1анэ Алыхьым жи1ащ: «Уафэхэми щ1ылъэми щы1э дэтхэнэри Гущ1эгъущ1ым и пщыл1у и пащхьэ ихьэжынущ. Езым ахэр зэрызыххэу ец1ыху, я бжыгъэри ещ1э. Ик1и ахэр Къемэт махуэм зэрызыххэу Езым и пащхьэ ихьэжынущ». (Мэрьям: 93-95).
3 – Ит1анэ Алыхьым жи1ащ: «Къуршхэр итщ1ык1ыу, щ1ылъэр сэтей щыхъуж махуэм Дэ псори дугъуеижынущ зыри къэмынэу». (Аль-Кэхф: 47).
Ц1ыхухэр здызэхуашэсыжыну щ1ылъэм и теплъэр:
1 – Алыхьым жи1ащ: «Щ1ыр нэгъуэщ1 щ1ык1э, уафэри щызэрихъуэк1 махуэм псори Алыхь Закъуэу Лъэщым и пащхьэ иувэжынущ». (Ибрахим: 48).
2 – Сэхл бин Сэгьд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Ц1ыхухэр Къемэт махуэм щызэхуахусынущ щ1ы хужь сабалъэм, щ1акъуэ п1ащ1э къабзэм хуэдэу, зыми и нэщэнэ темыту». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[3].
Къемэт махуэм ц1ыхухэр зэрызэхуашэсынур:
Зэрызэхуашэсынум щытык1ит1 и1эщ:
Япэр: кхъэхэм къик1ыжу я унафэр здащ1ыну щ1ып1эм зэрызэхуашэсынур, абдежым ц1ыхухэр лъэсу, лъапц1эхэу, пц1анэхэу, суннэт мыщ1ауэ зэхуашэсынущ.
Гьа1ишэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Зэхэсхащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Ц1ыхухэр Къемэт махуэм лъапц1эхэу, пц1анэхэу, суннэт мыщ1ауэ зэхуашэсынущ». Жыс1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, ц1ыхубзи ц1ыхухъуи зэхэту зыр зым еплъыжу?» Жи1ащ: «Уэ Гьа1ишэ, 1уэхур нэхъ хьэлъэщ зыр зым еплъыжын нэхърэ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[4].
Ет1уанэр: унафэр здащ1а щ1ып1эм къик1ыу жэнэтым е жыхьэнэмэм зэхуашэсынуращ иужьк1э къызэрылъагъуэу:
1 – Му1минхэр гупу ягъэлъап1эу зэхуашэсынущ Алыхьым зэрыжи1ауэ: «Тхьэшынагъуэ зи1эхэр гупу Гущ1эгъущ1ым и пащхьэм дгъэлъап1эу щитшэж махуэм». (Мэрьям: 85).
2 – Джаурхэр гупу я нэгухэмк1э ялъэфу, нэфу, дэгуу, бзагуэу, псыхуэл1эм ихьхэу, (нэ) щхъуэнт1эхэу, япэрейхэм иужьрейхэр ямыгъак1уэу маф1эм яхунухэщ.
1 – Алыхьым жи1ащ: «Къемэт махуэм ахэр нэк1ук1э телъу зэхуэтлъэфэсыжынущ нэфхэу, дэгухэу, бзагуэхэу. Абыхэм я хэщ1ап1энур жыхьэнэмэращ, ар щыужьыхыжк1э зэщ1ыдогъэстыж. Аращ яхуэфащэр ди 1эятхэр я ф1эщ зэрымыхъуам щхьэк1э». (Аль-1исра1: 97-98).
2 – Ит1ани Алыхьым жи1ащ: «Мыхъумыщ1агъэ зыщ1ахэри тхунущ (1эщ) псафэ яхум хуэдэу». (Мэрьям: 86).
3 – Алыхьым жи1ащ: «Бжьамийм щепщэну махуэм мыхъумыщ1агъэ зыщ1ахэр зэхуэтхусыжынущ (нэ) щхъуэнт1эхэу». (Т1аХа: 102).
4 – Ит1ани Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьым и бийхэр маф1эм щырахул1эну махуэм ахэр къызэтрагъэувы1энущ». (Фусылэт: 19).
5 – Алыхьым жи1ащ: «Къызэхуэфхус залымыгъэ зезыхьахэри, я пэшэгъухэри, зыхуэпщыл1у щытахэри Алыхьыр къагъанэу. Ик1и жыхьэнэмэ гъуэгум тефшэхэ». (Ас-Сафат: 22-23).
6 – Анас, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ зы л1ы гуэрэм жи1ауэ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ! Дауэрэ джаурыр и нэгук1э зэралъэфынур щызэхуахуск1э Къемэт махуэм?» Жи1ащ: «Мы дунейм лъакъуит1к1э зек1уэу зыщ1ам хузэф1эмык1ыну ара Къемэт махуэм и нэгук1э игъэк1уэну?» Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[5].
Алыхьым къигъэхъужынущ хьэк1экхъуэк1эхэри, былымхэри, псэущхьэхэри, бзухэри, ит1анэ ахэм яку лей зыхахэмрэ зырахахэмрэ игъэзэк1уэжынущ. Апхуэдэу бжьакъуэ зи1э мэлыр бжьакъуэ зытемытым зэренэт1эуар иригъэпшыныжынущ. Ит1анэ псэущхьэхэм яку лей гъэзэк1уэжыныр щиухк1э Алыхьым яжри1энущ: «Щ1ы фыхъуж».
Алыхьым жи1ащ: «Зы псэущхьи щ1ылъэм теткъым, зы къуалэбзуи и дамит1ымк1э лъатэркъым фэр хуэдэу щымыту. Тхылъым идмытхэу зыри къэдгъэнакъым, ит1анэ я Тхьэм и пащхьэ ирашэжынухэщ». (Аль-1энгьам: 38).
Ахърэтым Алыхьым зэрыхуэзэнухэр:
Ц1ыху къэс Къемэт махуэм и Тхьэм хуэзэнущ ф1ырэ 1ейрэ ищ1ам хуэфащэу, му1минри, джаурри, дэгъуэри, 1ейри.
1 – Алыхьым жи1ащ: «Абы и пащхьэ щихьэжыну махуэм я ф1эхъусыр сэлямщ, ик1и псапэшхуэ яхуигъэхьэзыращ». (Аль-1эхьзаб: 44).
2 – Ит1анэ Алыхьым жи1ащ: «Алыхьым фыф1эл1ык1 ик1и зэвгъащ1э Абы фызэрыхуэзэжынур, ф1эщхъуныгъэ зи1эхэри фгъэгуф1э». (Аль-Бэкъэрэ: 223).
3 – Алыхьым жи1ащ: «Уэ ц1ыху! Гугъу уехьурэ уи Тхьэм и пащхьэ уихьэжынущ». (Аль-Иншикъакъ: 6).
4 – Гьубадэ бин Ас-Самит, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхьым хуэзэжыну ф1ыуэ зылъагъум Алыхьыми къыхуэзэну ф1ыуэ елъагъу. Алыхьым хуэзэну хуэмейм Алыхьыри къыхуэзэну хуейкъым». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[6].